Хьэрф З,з
методическая разработка (1 класс)

 Дзахмишева Рузана Олеговна

Хьэрф З,з

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл herf_zz.docx956 КБ

Предварительный просмотр:

КЪЭБЭРДЕЙ – БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ ЛЭСКЭН МУНИЦИПАЛЬНЭ РАЙОНЫМ И МУНИЦИПАЛЬНЭ КIЭЗОНЭ ЗЭХУЭДЭ Щ1ЭНЫГЪЭ ЩЫЗРАГЪЭГЪУЭТ IУЭХУЩIАПIЭ «ХЬЭТУЕЙ КЪУАЖЭ ДЭТ ДОЛ ХЬЭСЭНБИЙ ХЬЭМЗЭТ И КЪУЭМ И ЦIЭР ЗЕЗЫХЬЭ КУРЫТ ЗЭХУЭДЭ ЩIЭНЫГЪЭ ЩРАГЪЭГЪУЭТ ЕДЖАПIЭ»

Адыгэбзэмк1э урок  езанэ «Б» классым

Темэр: Макъ З, хьэрф З,з

Зыгъэхьэзырар:

Хьэтуей курыт еджап1эм

пэщ1эдзэ классым щезыгъаджэ

Дзыхьмыщ1 Рузанэ Олег и пхъурщ

2020гъ.

Урокым и темэр : Макъ З, хьэрф З, з- хэр.

Урокым и мурадхэр:

-Къэпщытэжын дызэджа макъхэр, ахэр къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр;

-Ахэр хэту псалъэ, псалъэуха зэхэлъхьэн;

-Ди бзэм зегъэужьын;

-Макъыщ1э щыгъуазэ щ1ын, ар къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр егъэц1ыхун;

-А хьэрфхэр хэту пычыгъуэ, псалъэ, псалъэухахэм къеджэфу егъэсэн.

  1. Бзэм зегъэужьын.

Дэ иджыпсту азбукэ урок ди1энущ. Мы урокым къэтпщытэжынущ дызэджа макъхэр, ахэр къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр, ахэр хэту псалъэ, псалъэуха зэхэтлъхьэнущ: ди бзэм зедгъэужьынущ, дджа хьэрфыр къэтпщытэжынщ, абы иужьк1э щыгъуазэ фысщ1ынущ макъыщ1э, ар къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр фэзгъэлъэгъунущ, а хьэрфыр зыхэт пычыгъуэм, псалъэм, псалъэухам фыкъеджэфу фезгъэсэнущ.

-Илъэсыр мазэ дапщэ хъурэ?

-Мазэ пщык1ут1 мэхъу.

-Гъэм зэман дапщэ и1э?

-Гъэм зэманипл1 и1эщ.

-Щ1ымахуэр, гъатхэр, гъэмахуэр, бжьыхьэр.

- Щ1ымахуэ мазэхэр хэт къызжи1эн?

Декабрь (дыгъэгъазэ), январь (щ1ышылэ), февраль (мазае).

Гъатхэ мазэхэр: март (гъэтхэпэ), апрель (мэлыжьыхь), май (накъыгъэ).

Гъэмахуэ мазэхэр: июнь (мэкъуэуэгъуэ), иэль (бадзэуэгъуэ), август (шыщхьэ1у).

Бжьыхьэ мазэхэр: сентябрь (фок1адэ), октябрь (жэпуэгъуэ), ноябрь (щак1уэгъуэ).

-Иджыпсту гъэм и сыт хуэдэ зэман?

-Бжьыхьэщ.

- Сыт хуэдэ нэщэнэхэмк1э къафщ1эрэ зэрыбжьыхьэр? Жыгхэр мэгъуж, къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэм мэлъэтэж, удзхэр мэгъуж.

-Адыгэхэм ди бзэр шэрыуэ, къулей ищ1у псалъэжь куд ди1эщ. Сыт хуэдэ псалъэжьхэр ди1э бжьыхьэм теухуауэ?

Бжьыхьэ бэвщ.

3. Гъатхэм жеяр бжьыхьэм магъыж.

4. Гъатхэм томысар, бжьыхьэм къытепхыжыркъым.

-Сыт хуэдэ бжьыхьэ нэщэнэхэр фщ1эрэ?

Гъатхэр уэгъумэ, бжьыхьэр бэвщ. Бжьыхьэм кърухэр пасэу лъэтэжмэ, щ1ымахуэр щ1ы1эщ.

Бжьыхьэ бэвыр къэсащ.

- Мыр псалъэухащ. Псалъищу зэхэтщ. Япэ псалъэр щ1ымахуэ, ет1уанэ псалъэр- бэвыр, ещанэ псалъэр- къэсащ.

Схемэ хуэдвгъэщ1ыт.

_____ ____ ____.

Япэ псалъэм сыт иджыри хужыт1ыфынур? (Ар хьэрфышхуэк1э къегъэжьащ. Сыт щхьэк1э? Псалъэухар къыщырагъажьэк1э хьэрфышхуэк1э ятх). Сыт хуэдэ псалъэхэра иджыри хьэрфышхуэк1э ятхыр? (Ц1ЭХЭР, УНЭЦ1ЭХЭР, КЪУАЖЭЦ1ЭХЭР, КЪАЛЭМ И Ц1ЭХЭР).

  1. Къэпщытэжын.

1.- Иджы къэдывгъэпщытэжыт, сытк1э зэщхьэщык1ырэ макъымрэ хьэрфымрэ? (Макъыр догъэ1у, зэхыдох; хьэрфхэр дотх, долъагъу).

Макъхэр гуп дапщэу гуэша?

(Макъхэр гупит1у гуэшащ: макъзешэрэ, макъ дэгуашэрэ)э

Макъзешэк1э зэджэр хэт къыджи1эн?

(Шэщ1ауэ къапсэлъ, уэрэдым хуэдэу жып1э хъумэ, къыщитпсэлък1э жьыр хуиту къыджьэдэк1ымэ, апхуэдэ макъыр- макъзешэщ,а,э,и.)

- Макъ дэк1уашэк1э зэджэр хэт дигу къигъэк1ыжын?

(Шэщ1ауэ къэтпсэлъ, уэрэду жып1э мыхъумэ, жьыр хуиту къыджьэдэмык1ымэ, 1эуэлъауэ щ1этмэ, абы макъ дэк1уашэк1э йоджэ,-б,в,ж.

- Макъыр схемэм дауэ къыщыгъэлъэгъуа? (Макъыр схемэм хъурей ц1ык1ук1э къэгъэлъэгъуащ).

- Макъзешэмрэ макъ дэк1уашэхэмрэ я схемэхэр сытк1э зэщхьэщык1ырэ? (Макъзешэхэр схемэм хъурей плъыжь ц1ык1ук1э, макъ дэк1уашэхэр хъурей ф1ыц1э ц1ык1ук1э къыдэгъэлъагъуэ).

Иджыпсу доскам къытридзэнущ хьэрф, фэ а хьэрфыр хьэрф зешэми хьэрф дэк1уашэми къэфщ1эн хуейщ. А, И, М, О, Н, Р, У.

У-м деж сыт ц1ык1ухэ схемит1ри къыщ1эвгъэлъагъуар? (У-р макъзешэуи макъ дэк1уашэуи къок1уэ).

- Дауэ ар зэрызэхэвгъэк1ыр? ( Макъзешэ у-м пычыгъуэ къегъэхъу. Макъ дэк1уашэ у-м иужьк1э ы- зэхыдох, ауэ зэи ттхыркъым).

Иджыри гъатхэм къытхуихьа лэжьыгъэм доплъыр.

- Иджы ц1ык1ухэ сурэтым щытлъагъур жыт1эу макъзешэ дапщэ хэтми къэтщ1эн хуейш. БАЖЭ, МЫЩЭ, ДЫГЪУЖЬ, АДАКЪЭ, ДЖЭДУ.

  1. Урок блэк1ар къэпщытэжын.

- Сыт хуэдэ макъ (хьэрф) урок к1уам зэдгъэц1ыхуар?

- Сыт хуэдэ а макъыр?

- Дауэ къатщ1эрэ зэрымакъ дэк1уашэр?

Хьэрф къыхэбзык1ахэм мыщэ псалъэр къыхэщ1ык1ын.

Мэш шэ шы нащэ мащэ мэщ щэ щы нащэ Машэ

Тхылъым къегъэджэн.

Сыт шэщ псалъэм къик1ыр?

- Уэщ псалъэр дауэ къывгуры1уэрэ?

- Щынэр сыт зи быныр?

- Мыщэр сыт хуэдэ псэущхьэ?

Сыт ди тхыгъэм зэреджэр? (Шэщ)

Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.(физминуткэ)

Сэ сыхъуащ иджы инышхуэ

Жыжьэу лъагэу зызо1эт

Зызошэщ1 аргуэру лъагэу

Ауэ лъакъуэм симы1эт.

Си 1э ц1ык1ухэр щ1ызоупск1э

Лъапэ ц1ык1ухэм загъэсыс

«Хэт ищ1энт апхуэдэу псынщ1эу

Ин сыхъуну?- согупсыс.

1.Темэщ1эр джын.

1уэры1уатэм къахуеджэн.

Зазэрэ Зузэрэ зэзэуа,

Зазэ и дзэр 1уагъэза

Зазэ мэзым игъэза,

Зазэ занщ1эу к1эзыза,

Мазэм 1узэу зигъэза,

Зэ зырызи къыпача,

Зэри зазэу къыщ1эк1а,

Мазэр Зазэ къезэуа,

Зузэ Зазэ къыщыжа,

Зази Зузи зэзэгъа,

Зази гъыри къигъэза,

Зази Зузи зэк1ужа.

Хэт къищ1ауэ п1эрэ нобэ дджыну макъыр, хьэрфыр?

Макъ З, хьэрф З,з.

Макъыр, хьэрфыр егъэц1ыхун.

Сурэт егъэлъагъун, предметхэм я ф1эщыгъэц1эр жегъэ1эн. Цъэхэр къыщра1уэк1э, макъыщ1эр укъуэдияуэ жегъэ1эн. (Мэзззз, жэзззз, зэззз)

- Сыт хуэдэ макък1э иухрэ псалъэр? (з1).

- Дывгъэгъэ1ут а макъым и закъуэ(зззззззззззз).

- Макъзешэ хьэмэ макъ дэк1уашэ?

-Сыт щ1э макъ дэк1уашэр?

- Жьгъыжьгъ хьэмэ дэгу?

  1. Иджы ц1ык1ухэ З макъыр хэту псалъэ къысхуэфхьыт (зэрыджэ, бзэ, адыгэбзэ, зэчыр).
  2. Сэ иджыпсту псалъэ вжес1эхэм З макъыр хэтмэ зэ 1эгу феуэ, хэмытмэ феуэкъым:

Уз, щыз, щэнэз,дзэл, мазэ, дзэ.

  1. Ц1ык1ухэ, нобэ зи гугъу тщ1а «З» макъыр къызэрыгъэлъэгъуа хьэфыр доскам к1эрылъщи, псоми зэвгъэц1ыху. Макъ «З»-р зыр-хьэрфышхуэщ, адрейр- ц1ык1ущ. Мыр З,з- 1эрытх хьэрфхэращ, З,з-мыр зэрыбк1э тха хьэрфхэращ.

Къуажэхь къегъэщ1эн.

Бжьыхьэ хъуамэ, йобзэрабзэ

Плъыжь 1эрамэ къегъэубзэ.

Уедзэкъамэ, гуащ1э 1ей. (Зэрыджэ)

Хьэрф З, з-хэр егъэлъагъун. Зэрегъэлъытын, сытым ещхьми жегъэ1эн.

  1. Иджы, ц1ык1ухэ, пычыгъуэхэм дыкъеджэнщ. Пычыгъуэхэр хэту псалъэ къегъэгупсысын.

Яджар егъэбыдыл1эн. Напэк1уэц1 32-нэм, 33-нэм щыгъэлэжьэн.

  1. Псалъэхэм къегъэджэн, схемэ хуегъэщ1ын, псалъэхэр хэту псалъэуха зэхегъэлъхьэн. Псалъэхэм я тхык1э хабзэр ягу къэгък1ыжын.
  2. Сурэтхэм тегъэпсэлъыхьын.

- Япэ сурэтым хэт сымэ щыфлъагъур? (Хъыджэбз ц1ык1урэ щ1алэ ц1ык1урэ) Мы т1ум я ц1эр Зузэрэ Залымрэщ.

- Сыт Зузэ ищ1эр? ( Изэ жыгым зэ къыпеч). Залым –щэ?

Залым зэ ешх. Сыт зэр зи1ысыр? (къэк1ыгъэщ. Гуащ1эрэ 1эф1рэ зыщ1эт, купкъ зэрылъ пхъэгулъ лъэпкъыгъуэщ. И фэк1э плъыжьщ. Ар къызыпык1э жыгым зэреджэр зейщ)

Сурэтыр егъэлъагъун.

Зэр ц1ыхум дауэ къигъэсэбэпрэ? (Варенэ ящ1. Зэр хущхъуэщ.) Сурэтым и щ1агъым щ1эт псалъэухахэм къегъэджэн, схемэхэм егъэлэжьын.

Мазэр изщ – сабийхэм къагурыгъэ1уэн.

Джэгук1э. «Хэт нэхъыф1у къемыджэрэ?» Сабийхэр гупищу гуэшын, зэпеуэм зыхуагъэхьэзырыну зэман етын. Гуп къэс зыжьэу напэк1уэц1 31-нэм итым къегъэджэн. Хэт нэхъыф1у къеджэми ток1уэ.

  1. Псалъэхэм хэт макъхэр зэрегъэлъытын. Мэз – мэс –мэш- мэж.
  2. Яджа темэщ1эр къызэщ1экъуэжын.

-Хэт къыджи1эжын, сыт мы урокым щ1эуэ къэтщ1ар?

-мы урокым щ1эуэ къэтщ1ащ макъыщ1э «З»-р зэрагъэ1ур,ар къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр,а хьэрфыр зыхэт псалъэхэм дыкъеджэфу зедгъэсащ, гъащ1эм дэтхэнэ зы ц1ыхуми пц1ы имыупсу тэмэму щытыным дыкъыхуигъэушащ. Карточкэхэмк1э урокыр къазэрыгуры1уар къыдагъэлъагъу еджак1уэ ц1ык1ухэм

псори къызгуры1уащ

къызгуры1уауи щытщ, къызэгурымы1уаи хэтщ.

 зыри къызгуры1уакъым.

Къэгъэсэбэпа к1эрыдзэн тхыгъэхэр :

Сурэтхэр,

Схемэхэр,

Адыгэ 1уэры1уатэ тхылъыр,

Къуажэхьхэр

Гугъуэт Лол, Зэхъуэхъу Лиуан Азбукэ: 1классым папщ1э учебник – Налшык, Эльбрус, 2014гъ.

Гугъуэт Лол, Зэхъуэхъу Лиуан Азбукэр щрагъэджк1э зэрыгъуазэ (егъэджак1уэхэм я дэ1эпыкъуэгъу). Нашык «Эльбрус», 2012

Ц1ык1ураш и хьэрфхэр. Щоджэн Леонид Налшык,2004

Балэ Людмилэ Зэрылажьэ 1эрытх 1 класс Нашык «Эльбрус»


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Макъ хьэрф Къ къ

открытый урок...

Хьэрф 1у, Макъ 1у 1у

Хьэрф 1у, Макъ 1у  1у...